-
1 зегъэщIын
/ ЗыщIын псалъэм и каузативщ.Ауан зегъэщIын см. ауан.КIыхьлIыхь зегъэщIын см. кIыхьлIыхь.ЛъэгущIэтын зегъэщIын см. лъэгущIэт.II (зрегъэщI) перех. гл. 1. прислониться к кому-чему-л./ Зыгуэрым зытегъэщIэн.Мыхьэмэт шэнт егъэщIыпIэм, и щхьэщIыбыр щхьэгъубжэм иригъэкъури "Мыхьэмэт-гъуазэ" уэрэдыр цIыкIуу къыхидзащ. КI. Т. Джэгу зегъэщI напщIэ къекъутэх. (погов.)2. прилечь/ ЗыгъэукIуриин, гъуэлъын.МафIэ тIэкIуи зыщIэзгъанэри лы Iыхьэ зырыз дгъэжьащ, дедзакъэри ауэ мафIэбгъум деж зедгъэщIащ. Къэр. Хь.Iэдэгъуэмылъэ зегъэщIын см. Iэдэгъуэмылъэ. -
2 кIыхьлIыхь
длительный, затяжной/ Зэман куэд зыхь, зытекIуадэ.* ИтIанэ пщIэнукъым, зауэр кIыхьлIыхь хъум, сэри сашэнкIэ хъунущ. Iуащхь.КIыхьлIыхь зегъэщIын тянуть резину.КIыхьлIыхь хъун = КIыхьлIыхь щIынКIыхьлIыхь щIын растягивать, затягивать что-л.* - Iуэхур кIыхьлIыхь мыщIауэ занщIэу хьэгъуэлIыгъуэр къыдэхын хуейщ, - жиIащ Рэмэзан. Iуащхь. -
3 гъэкIыхьын
(егъэкIыхь) перех. гл. 1. удлинить что-л. (юбку, платье и т. п.)/ Зыгуэр кIыхь щIын.КIапсэм пащIэри ягъэкIыхьащ.2. переносное затянуть что-л., увеличить срок чего-л./ Зыгуэрым кIыхьлIыхь зегъэщIын, зегъэукъуэдиин.Уэршэрыр гъэкIыхьын. ЗэIущIэр гъэкIыхьын.* И нэмэз щIыкIэм къеплъхэр нэхъ зыщигъэщтэн, нэхъ зыщигъэгулэзын папщIэ, Хьэжы-Исмел и нэмэзыр егъэкIыхь. Ш. А.